Зиусхьэну – ЖуртыбзэкӀэ «Яхве». А псалъэмкӀэ Тхьэм Мусэ бегъымбарми журтхэми закъригъэцӀыхуауэ щытащ. «Яхве» жиӀэмэ, «ЩыӀэр», «Псэур» жиӀэу аращ. Журтхэр а псалъэм апхуэдизкӀэ фӀэлӀыкӀырти, къапсэлъын шынэрт. Абы къыхэкӀкӀэ, а псалъэм и пӀэкӀэ журтхэм «Адонай» псалъэр къагъэсэбэп хъуащ. «Си Зиусхьэн» жиӀэу аращ абы къикӀыр.
«НэӀумий» жиӀэмэ журтыбзэкӀэ «Гурыхь» къикӀыу аращ.
«Марэ» жиӀэмэ журтыбзэкӀэ «Дыдж» къикӀыу аращ.
Judg.2.16
Job.19.21
Num.21.29
2Sam.15.21; 1Sam.3.17; 1Sam.25.22; 2Sam.19.13; 1Kgs.2.23
2Sam.21.9

Руфэ и хъыбар

Хэзыгъэгъуазэ

Гузэвэгъуэшхуэ къытепсыхэу, иужьым куэду Тхьэм и нэфӀ къызыщыхуа, исрэӀил лъэпкъым щыщ зы унагъуэ теухуа хъыбарщ мыр, тхыдэм щыщу. Къыщыхъуар ИсрэӀилырщ, илъэс минищ хуэдэ и пэкӀэ. А зэманым исрэӀил лъэпкъым пащтыхь яӀэу щытакъым, къэралыр зезыгъакӀуэр хеящӀэрт. ХеящӀэм и къалэныр зэригъэзащӀэм къищынэмыщӀауэ, гъунэгъу лъэпкъхэр къащытеуэм деж ар дзэ паши хъурт. ЦӀыхубэратэкъым хеящӀэр тезыгъэувэр, атӀэ езы Тхьэм къыхихырт, абы къыхэкӀкӀэ, хеящӀэр къулыкъу лъагэт.
ИсрэӀил лъэпкъыр Тхьэм къыщыбгъэдэкӀа зэмани щыӀащ. Къагъэзэжын папщӀэ, абыхэм гъэунэхуныгъэ зэмылӀэужьыгъуэхэр, насыпыншагъэхэр къахуигъакӀуэрт Тхьэм, зауэ, гъаблэ сыт жыпӀэми. Руфэ теухуа тхылъыр къыбгурыӀуэн папщӀэ, абы щыгъуэ зекӀуа хабзэхэм, Мусэ бегъымбарым Теурэтым щитхыжахэм уащыгъуазэу щытын хуейщ. Мы тхылъым псом хуэмыдэу гулъытэшхуэ хуещӀ «щэхужакӀуэ» цӀыхум иӀа къалэнхэм. Пасэм ИсрэӀилым щэхужакӀуэ щыхъужыр Ӏыхьлы гъунэгъут, Теурэт ХабзэмкӀэ къалэн хэхахэр иӀэу. ЩэхужакӀуэм и Ӏыхьлым и лъапсэр къищэхужын хуейт, абы ар ӀэмалыншагъэкӀэ ищэн хуей хъумэ, икӀи и Ӏыхьлыр къищэхужын хуейт, ар пщылӀыпӀэ ихуамэ. И Ӏыхьлым илъ ищӀэжынуи абы къытехуэрт. Бын къыщӀэмынэу и Ӏыхьлыр дунейм ехыжмэ, щэхужакӀуэм абы и фыз къыщӀэнар щхьэгъусэ ищӀын хуейт. Абы щыгъуэ япэу къалъху къуэр дунейм ехыжам и къуэу ябжырт, икӀи абы къыщӀэна мылъкур, лъапсэр зэрыщыту сабийм къылъысырт. Дунейм ехыжар лъэужьыншэу мыкӀуэдыжу къанэрт апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.
НэгъуэщӀ хабзи ущрохьэлӀэ Руфэ теухуа тхылъым, тхьэмыщкӀэхэмрэ хэхэсхэмрэ къыщхьэщыжу. А хабзэм хуэмыщӀахэр хуит ищӀырт, гъавэр Ӏуахыжа нэужь, щхьэмыж кӀэрыхуахэр губгъуэм къыщащыпыну. Абы ипкъ иткӀэ гъавэр къэзыхыжхэм тхьэмыщкӀэхэм папщӀэ губгъуэм щхьэмыж къранэн хуейт.
Руфэ теухуа тхылъым наӀуэ ещӀ Тхьэм исрэӀил лъэпкъым зэрыпсэуну хабзэ яхуигъэуву, Тхьэм щыгугъыу икӀи и унафэм щӀэту псэухэм Абы и нэфӀ къащыхуэу зэрыщытар.
НэгъуэщӀ лъэпкъым щыщхэри Тхьэм къыхиха лъэпкъым щыщ зэрыхъуфынум, Тхьэм и жьауэ зэрыщӀэувэфынум и щапхъэ наӀуэщ Руфэ и хъыбарыр. Абы быдэу ди фӀэщ ещӀ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри, зыщыщ лъэпкъым емылъытауэ, Тхьэм къызэрищтэр. Руфэ нэгъуэщӀ лъэпкъ къыхэкӀами, Тхьэм и лъэпкъым щыщ хъуащ. БоӀэз дэкӀуэри, абы къуэ игъуэтащ. Пащтыхьышхуэ Даут бегъымбарым и адэ Исий Руфэ и къуэрылъхущ.


къэбэрдейбзэ
Хьисэ и хъыбарыр Лукас къызэриӀуэтэжамкӀэ (ISBN 978-5-93943-124-8). Руфэ, Инус бегъымбар (ISBN 978-5-93943-132-3). Данил бегъымбарыр, Руфэ (ISBN 978-5-93943-256-6). Гъэсэпэтхыдэхэр, ДжакІуэ, Сэфирэт и тхылъ (ISBN 978-5-93943-291-7)
Руфэ, Гъэсэпэтхыдэхэр, ДжакӀуэ, Данил, Инус, Лукас


Creative Commons: BY-ND 4.0: © Институт перевода Библии; Информацию о лицензии этого издания можно найти здесь: https://wiki.creativecommons.org/images/d/d4/Attribution_3.0_%D0%A1%D0%A1_BY-ND_rus.pdf

Институт перевода Библии
Институт перевода Библии, 101000 Москва, Главпочтамт, а/я 360
ibt_inform@ibt.org.ru
back
close
prev / next

Елимэлэх и унагъуэр и гъусэу МоӀэбей зэрыӀэпхъуар

1 ХеящӀэхэм я зэману ИсрэӀилым гъаблэ къыщыщыхъуам щыгъуэ Ехьудей хэкум ит Бэтлъэхъем жылэм щыщ зылӀ, и щхьэгъусэри и къуитӀри щӀыгъуу, МоӀэбей къэралым кӀуащ, пӀалъэкӀэ щыпсэуну.
2 А лӀым зэреджэр Елимэлэхт, и щхьэгъусэм – НэӀумий, и къуитӀым – Мэхълэнрэ Къилиуэнрэ. Ахэр Бэтлъэхъем жылэм, Ехьудейм итым, дэс Ефрафэ лъэпкъым щыщт. Арати, ахэр МоӀэбей Ӏэпхъуауэ щыпсэурт.
3 Куэд дэмыкӀыу, Елимэлэх, НэӀумий и лӀыр, дунейм ехыжри, ар и къуитӀым къабгъэдэнащ.
4 Ауэрэ и къуитӀым моӀэб лъэпкъым щыщхэу щхьэгъусэ зрагъэгъуэтащ – зым Ӏурпэ, адрейм – Руфэ я цӀэу. ИлъэсипщӀ хуэдизкӀэ ахэр а щӀыпӀэм щыпсэуауэ,5 Мэхълэни Къилиуэни дунейм ехыжри, НэӀумий и щхьэгъусэри и къуитӀри имыӀэжу къэнащ.

НэӀумий Бэтлъэхъем зэригъэзэжар

6 Зиусхьэну Тхьэм и лъэпкъым закъыщӀигъакъуэу, гъавэ бэв къаритауэ МоӀэбей щагъэхъыбару зэхихри, НэӀумий и хэкужьым игъэзэжыну зигъэхьэзыращ, и ныситӀри и гъусэу.
7 Ахэр щӀыгъуу, щыпсэуа щӀыпӀэр къигъанэри, Ехьудей щӀыналъэм кӀуэжыну гъуэгу теуващ НэӀумий.
8 Куэд ямыкӀуауэ, НэӀумий и ныситӀым яжриӀащ: «Вгъэзэжи, щхьэж и дыщ фекӀуэлӀэж. Зиусхьэным гущӀэгъу къыфхуищӀ, си къуэ мыгъуэхэми сэри фыкъытхуэгумащӀэу зэрыщытам хуэдэу!
9 ПӀэщхьагъ дахэ тӀуми Зиусхьэным фигъэгъуэтыж!» Апхуэдэу жиӀэу, НэӀумий и ныситӀым ӀэплӀэ, ба щахуищӀыжым, ахэр къыщиудри, захуэмыубыдыжу къэгъащ.
10 «Хьэуэ, дэри уи гъусэу дынэкӀуэнущ уи хэкум», – жаӀащ абыхэм.
11 «Хьэуэ, хьэуэ, вгъэзэж, сипхъу цӀыкӀухэ! – идакъым НэӀумий. – Сыт фэ си гъусэу фыныщӀэкӀуэнур? Сэ згъуэтыжыфыну фэ щхьэгъусэ фхуэхъун къуэ?
12 Вгъэзэж, сипхъу цӀыкӀухэ, сэ жьы сыхъуащ, дэнэ сыщыдэкӀуэжын? Бын згъуэтыжыну сыгугъэми, ныжэбэ лӀы сригъусэу итӀанэ къуэхэр къэслъхуми,13 ахэр къэхъуху дауэ фежьэн? Апхуэдиз зэманкӀэ фыдэмыкӀуэжу дауэ фыдэсын? Хьэуэ, си тӀасэхэ! Фэ фи Ӏуэхум нэхърэ сэ си Ӏуэхур нэхъ хэплъэгъуэщ – сэ Зиусхьэным и ней къысщыхуэри си гъащӀэр дыдж ищӀащ!»
14 Абдежым абыхэм аргуэру гъын кърагъэжьэжащ. Арати, Ӏурпэ и гуащэм ӀэплӀэ, ба хуищӀыжри, ежьэжащ, ауэ Руфэ НэӀумий имыутӀыпщу зыкӀэрикъузэрт.
15 «Мес, уи нысэгъум и лъэпкъым, и тхьэхэм я деж егъэзэж, уэри абы и гъусэу гъэзэж», – жриӀащ НэӀумий Руфэ.
16 АрщхьэкӀэ Руфэ жиӀащ:
«КхъыӀэ,
cыхыумыгъэзыхь укъэзгъэнэну,
си щӀыбыр ныпхуэзгъэзэну.
Уэ уздэкӀуэ сэри сыкӀуэнущ,
укъыщыувыӀи сыкъыщыувыӀэнущ.
Уи лъэпкъри си лъэпкъыу,
уи Тхьэри си Тхьэу щытынущ.
17 Уэ ущылӀэ сэри сыщылӀэнущ,
абдежи сыщыщӀалъхьэжынущ.
Зиусхьэным и ней къысщыхуэ,
си псэр Ӏуту сэ укъэзгъанэмэ!»
18 И гъусэу кӀуэну Руфэ мурад быдэ зэрищӀар къыщыгурыӀуэм, НэӀумий ар хигъэзыхьыжакъым.
19 Арати, цӀыхубзитӀым гъуэгуанэ кӀыхьыр зэпачри, Бэтлъэхъем нэблэгъащ. Ахэр къыщалъэгъуам, жылэдэсхэм абыхэм фӀэкӀа Ӏуэху яӀэжтэкъым. ЦӀыхубзхэм ягъэщӀагъуэрт: «Ана, мор НэӀумий?» – жаӀэурэ.
20 «АфӀэкӀа сэр щхьэкӀэ НэӀумий жывмыӀэ, МарэкӀэ фыкъызэджэ, – яжриӀащ НэӀумий абыхэм. – Ар щӀыжысӀэр Псори ЗылъэкӀым си гъащӀэр дыдж Ӏей ищӀащи аращ.
21 Сэ мыбы зыри сыщымыщӀэу сыдэкӀащ, арщхьэкӀэ Зиусхьэным зыри симыӀэжу къызигъэгъэзэжащ. Сыт сэ НэӀумийкӀэ фыкъыщӀызэджэнур? Зиусхьэным хьэзабыр сигъэшэчащ, Псори ЗылъэкӀым насыпыншэ дыдэ сищӀащ».
22 Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ НэӀумий МоӀэбей къикӀыжащ, и нысэр – моӀэб лъэпкъым щыщ Руфэ – щӀыгъуу. Ахэр Бэтлъэхъем къыщысыжам, хьэр къахыжын щӀадза къудейт.
prev / next